«Сэращ пащтыхь хъунур!» – жиӀэурэ дэпсэлъей хъуат Адоней
#1:5 Адоней Даут и къуэ еплӀанэт, Амнун, Хьилэб, Абишэлам сымэ яужькӀэ къалъхуат (еплъ 2 Пащт. 3:2-5). Амнунрэ Абишэламрэ гуузу кӀуэдащ (еплъ 2 Пащт. 13:28-29; 18:15). Хьилэб и щхьэ кърикӀуар нахуэкъым, ауэ ар щӀалэу дунейм ехыжауэ хуэбгъэфащэ хъунущ. Даут и къуэ пажэ псэууэ къэнахэм ящыщт Адоней.. Ар къэзылъхуар Хъэджэтт. ЗыкъызыфӀэщӀыжа щӀалэм хьэкуэстыгухэмрэ шыхэмрэ зэригъэпэщащ, щыдэкӀкӀэ ипэ иту жэну щхьэхъумэ щэ ныкъуи гъусэ ищӀащ.