Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ израил лъэпкъ псори мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынущ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:
#11:26-27 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 59:20-21; 27:9. «ЦӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур Ар къыщыкӀуэжкӀэ, Бзаджагъэр Екъуб и лъэпкъым хигъэкӀуэдыкӀыжынущ».