– Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм
#8:20 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – «ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм хуэдэу пшэхэм яхэту, зыгуэр къехащ» – Даниил бегъымбарым жиӀэгъа а псалъэхэр Хьисэ езым и щхьэ хужиӀэжащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу зи псэупӀэр уафэм щыӀэу, абы къехар Хьисэщ (Иуан 3:13). Гъуэщахэм лъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ (Лука 19:10). ЦӀыху куэдым я цӀэкӀэ щхьэщэхужу и псэр итын щхьэкӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ (Марк 10:45). ЛӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ (Маттэ 17:9). Езым и Адэм и щӀыхьышхуэр иӀэу, дунейм и цӀыхухэм хьэкум (суд) ятрищӀыхьын щхьэкӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къытехьэжынущ. (Маттэ 25:31). и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.