Апхуэдэу, Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну бынымрэ ӀыхьэфӀхэмкӀэ игъэгугъащ. «Уэ къыптехъукӀыну быныр» щыжиӀэкӀэ, зы цӀыху закъуэ къригъэкӀыу Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ.
#3:16 Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэтщ – еплъ 1 Мусэ 12:7. Ар жыхуиӀэр Мэссихьщ. «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр», жиӀэу куэд къикӀыу хэткъым.